адыгэ хъуэхъу на день рождения женщине
Адыгэ хъуэхъу на день рождения женщине
Адыгэ хъуэхъу дахэ
Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,
Щlым и лъащlэр ди тlысыпlэу,
Къаскlэхэр ди бийхэр арауэ,
Хъуаскlэхэр ди жьэгу мафlэм къыдидзу,
Дыгъэ къуэпсым и нэхур къытхидзу,
Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,
Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,
Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,
Жагъуэгъухэм ягу щагъэфlхэр ткъутэу,
Езыхэм ди щхьэц налъэ яхуэмыкъутэу,
Ди къуэшхэм щынэлыр ядэткъутэу,
Ди пщащэхэм закъутэрэ загъафlэу,
Ди губгъуэ lэнэхэр дыгъафlэу,
Гупсысэ lэфlхэр гухэм щыдгъафlэрэ
Къытпэщылъ lуэхухэр щlыкlафlэу,
Гъуэгу къытпэщылъыр къызэнэкlыгъуафlэу,
Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,
Гъуащэхэр нэ къыдэзыщэхэр арауэ,
Ди унэ гуащэхэр lущабэу
Дызытеувэр щlы фlыцlэ щабэу,
Зыддзымэ дымыщэ пlащэу,
Ди пщащэхэр къытхуэгумащlэу,
Адыгэ Хабзэр ди щlэблэм едгъащlэу,
Шыгъу пlастэм зыщыдмыгъащlэу,
Фlы щlэным дыхуэпlащlэу,
Нэщхъеягъуэхэр ди мащlэу,
Ди псы уэрхэр lуедмыгъащlэу,
Ди псыхъуэжь кlуэцlхэр къабзащэу
Адыгэ цlыхухэр щэджащэу,
Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,
Жьы махуэхэр къытхуепщэу,
Ди псыхэр мыутхъуэрэ,
Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщlэжу,
Ди lэнэм тетыр тхъущlэжу,
Ди тхыдэ телъыджэр тщlэжу,
Щlэблэр къуэпс бжыгъэншэу къыткъуэжу,
Сыт тхузэфlэмыкlами зытщlэжу,
lуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,
Ди напэхэр мылъку щхьэкlэ дымыщэжу,
Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,
Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу
Зэпыча псор тхузэпыдэжу,
Ддэр цlыхугъэрэ напэу,
Адыгэ Хэкум и lуэхур тфlэнэхъапэу,
Зэгурыlуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу
Щхъужь къыдатхэр тфlэфоматэу,
Ди псыежэххэм я щlагъыр мывэкlэщхъыу,
Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу!
Щауэ фIыцIэ набзапцIэу
ЩIыпцIэр зыгъэхулIэ,
ЛIыцIэкIэ дызэджа,
ЕкIэпцIэ ц1ынэ къэпшами,
Пхудогъэгъу,
Пхъэ гъур къэпшами,
Дынохъуэхъу!
Хъуэхъур зи щIасэу,
Ди псэм хуэдэу ди щIалэ!
КъэкIуэж, дыноджэ.
Къеблэгъэж, дыножьэ.
Жьыхэр дыпхуохъуахъуэ,
ЩIалэхэр къохъуапсэ,
ПсэукIэщIэм щIыбодзэри,
Дзыншэ Тхьэм уищI!
Уей, ди щауэ фIыцIэ,
Уей, ди щауэ набдзапцIэ,
Уей, ди шынэхъыщIэ,
ЛIэщIыгъуэр зей,
Зейхэм я дэрэжэгъуэ,
Бажэм уещэм,
Щыхь къэбукIыу,
ХъыкIэ уещэм,
Дыщэ къихъуэу,
Уи ныбжьэгъу куэд ухъу!
Мыр лъэпкъ лъэужьым
Къыщежьа лъагъуэщ,
Лъэпкъ мыгъэкIуэдщ,
Уи жьы хъугъэм
Дамыгъу дэгызэщ,
Уи ныбжьэгъухэр
Гъуэрыгъуэ шэнтщ,
ГъащIэм и щIэращIапIэщ,
ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ,
Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ,
ФIыгъуэшхуэр лъэпкъым къихьащи,
Хъуэхъубжьэр къызэхуашэс,
Зэхуэсахэм хъуэхъу къыпхужаIэ,
Псэхэр мэгуфIэ,
Блэгъэф1хэр мэпэкIу,
КэкIуахэр уэ къожьэ,
Къеблэгъэж, дыноджэ,
КъыдэпщIари догъэгъу,
Ди фадэбжьэр мэсыс,
Уи нэмысым дыпоплъэ,
ДыпIуплъэну дыножьэ,
Ди фадэбжьэр убыд!
Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,
Уи анэм дахэу епсалъэ,
Уи лъабжьэм дохъуэхъу,
Тхьэм и хъерым долъэIу!
Дыщэ фалъэр зыIэщIагъэувэу
Жыхафэгум къэдгъэувын,
Си щ1алэ, къэкIуэж!
Нобэ жьыи щIэи
Мыбы гугъу дехьам
Фи гъащIэр кIыхьу,
Фм намысыр лъагэу,
Фм насыпыр куууэ,
Фи акъылыр хурикъуу,
Гухэхъуэр фи куэду,
Фадэбжьэр зефхьэфу,
Пшэрыхьри вгъэвэфу,
Тхьэм фигъэпсэу!
Тхьэрыкъуэ пхэхуу,
Бжьэхуцыху Iэпэу,
Iэпэ зыхуишийм
Псэ къыпигъэкIэу,
КъэкIыгъэу щыIэм
И шхын хэлъу
Уздэувэм ущимыгъэгупсысэу,
УздэтIысым ущимыгъэжейуэ,
Ужеям къыптелъэщ1ыхьрэ,
И Iэнэгур къабзэрэ
И бзэр къыпхуэIэфIу
Къэпшамэ, уехъулIащ, тIасэ!
И нэр зэтридзрэ
Дыгъэ бзийр къыщIидзмэ,
И жьэр зэтрихрэ
Дахэ къыжьэдэкIмэ,
Тхьэмадэжьри имыгъэхызэу,
Гуащэжьри иримыгъэк1уэтэкIыу,
ЕкIуэтэкIар къришэлIэжыфыну
Тхьэм акъыл кърит!
«Сыунэнщ» жыпIэу
Лъэныкъуэ зыщебгъэзам:
Мэшу тепсэр
Ажэ жьакIэу уфафэу,
Афэ гъуапэу уэндэгъуу,
Уи фохэр гуибгъуу,
Уи шыгъухэр гуиупщIу
Тхьэм уегъэпсэу!
Адыгэ хъуэхъу на день рождения женщине
Разговорились мы на тему тостов и пожеланий в одном месте инэта, хотелось бы услышать варианты на этом форуме.
Т е тосты, пожелания поздравления на кабардинском языке и их перевод.
Важно чтобы фраза была красивой по выражению и по смыслу
ИМХО, у нас «Хъуэхъу» есть нечто большее чем просто тосты за столом)
например Тхьэшхуэ хъуъэхъу
Уэ ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Уэ ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щiылъэри зезыгъакiуэ
Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкi.
Щымы1эр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи iэужь.
Псори зыщыгугъуу
Зыми щымыгугъыж,
Къэхъури зэлъэiуу
Зыми емылъэiуж ди Тхьэ,
или Хъуэхъу перед началом какого либо действа (мероприятия)
1уэхуубдэ хъуэхъу
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Iуэху къетхьэжьам
Фiыгъуэр къыдэгъакiуэ,
Псынщiэ теiуэ
Фiы теiуатэ,
Махуэу дыгъэублэ
Фiыкiэ дыгъэух!
Сынохьуэхьу укьыщальхуа махуэмкiэ! Алыхьым уэри кьыбдальхуахэми узыншагьэ быдэрэ гукьыдэжрэ куэду кьывит. Сигукiи си псэкiи кьыбгьэдэкiыу сыхуейт уи гум ипльхьа уи мурад псори кьохьулiэну, нэсыпыфiэу уи гьащiэр пхьыну!
Очень буду благодарна
Сынохьуэхьу укьыщальхуа махуэмкiэ! Алыхьым уэри кьыбдальхуахэми узыншагьэ быдэрэ гукьыдэжрэ куэду кьывит. Сигукiи си псэкiи кьыбгьэдэкiыу сыхуейт уи гум ипльхьа уи мурад псори кьохьулiэну, нэсыпыфiэу уи гьащiэр пхьыну!
Очень буду благодарна
. Поздравляю с днем рождения, пусть Аллах даст тебе и родившим тебя много крепкого здоровья. От всего моего сердца и души хотелось бы что бы все дела намеченные тобой осуществились, и счастливейше прожить жизнь.
P.S. Это максимально возможный дословный перевод.
Добавлено через 1 минуту
Шашуга, опередил) Но не «родившим тебя» (в таком случае было бы «укъэзылъхуа уи адэ-анэми») там, а «кьыбдальхуахэми», т.е., братья-сестры.
Адыгэ хъуэхъу на день рождения женщине
Нысаш1эм япэ 1энэ къыщищтэм и деж зэрехъуэхъур.
И нэзыр жьым дэхуарзэу,
Хуарзэу щlалэ жаным къиlыгъыу,
Зыхуаlэтыр хасэ щыпкъэу,
Адыгэ Ныпыр щыlэну сохъуахъуэр,
Хъуэхъум я нэхъыфlыр Тхьэм къырипэс!
Адыгэ хъуэхъу (дунейм къытехьа сабий ц1ык1ухэм я хъуэхъу))
Мис нобэ фи сабийм и къэхъугъэ махуэращи… ар дэтхэнэ зым дежк1и ди гуфIэгъуэшхуэщ…. мы гуф1эгъуэ дахэм дыкъыщ1ек1уэл1ар хэхъуэ дызэри1эращи Яллэхь..мы си гум къыбгъэдэк1ыу нобэ сабий дыгъэ ц1ык1уу Тхьэшхуэм къызэривитам папщ1э сэ сынывэхъуэхъуну сыхуейщ..фи унагъуэм..фи нэхъыжьхэм..фи лъэпкъым… псэ къабзэ, псэ нэху, гу щабэ, гу хьэлэл, акъыл жан, щ1эныгъэ куу зи1э, хабзэ-нэмыс зыхэлъ сабий Аллыхьым фхуищ1…Махуэ дыгъэм хуэдэу фи сабий ц1ык1ум и гъуэгур нэхуу, псы къыщ1эжым хуэдуу и гур къабзэу…Мыдэк1э узыншагъэм нэхъ япэ зыри щы1экъыми.. Аллыхьым узыншагъэ быдэ къып1ырилъэхьэ….сабыр ц1ык1уу Тхьэм къыфхуигъэхъу…псэ быдэ ц1ык1у Тхьэм фхуищ1…Гъэсэныгъэ куэду хэлъуу..фи лъэпкъыр пщ1э дахэк1э игъэпэжу.. Хабзэращ ц1ыхум хьэл-щэн дахэ хэзылъхьэри-сэ сыхуохъуахъуэр Тхьэм фи лъэпкъыр а сабийм къызыгъэпэжын ищ1… и гуф1эгъуэ куэд Тхьэм фигъэлъагъ1у…нэщхъеигъэр фи мащ1эу..гуф1эгъуэр фи куэду..бэрычэтыр фи унагъуэм илъуу Тхьэм куэдрэ унагъуэкэ фыздигъэузыншэ..Аллыхьым сабий макъ куэд иджыри фи унэбжэм къыщы1ук1ыу Тхьэм фигъэлъагъу…
Мыдэк1э мы ерыскъыр къызы1эта пщ1эшхуэ зыхуэтщ1 фи нэхъфжьхэми хъуэхъук1э сырихуэупсэну сыхуещ..Къалъхуа сабий ц1ык1ум и анэшхуэм..и адэшхуэм..и адэ-анэм дэнк1э ямыгъазэми гукъыдэж дахэ я1эу, беричэтыр я унагъуэ илъуу..Аллыхьым куэдрэ а къалъхуа сабий ц1ык1ум яхуигъэпсохэ… Мы илъэсыщ1э дахэ сабийк1э фызытехьар Тхьэм угъурлы унагъуэк1и лъэпкък1и фхуищ1.
(с) М
Дывохъуэхъу, псэм хуэдэ ди лъэпкъэгъу лъапIэхэр.
Дыщогугъ лъэпкъыр лъэпкъ зыщI адэ-анэхэр нэхъыбэ хъун къудейм къыщымынэу, хэкупсэ яIэу щIэблэр лъэпкъым къезытын адэфIрэ анэ гумащIэкIэ ИлъэсыщIэр къыдэтэну, дыщогугъ удын мыухыжым игъэундэрэбжьа ди анэдэлъхубзэм гъущэпсыщэу мыхъуу зэхищIэу еIэзэну цIыхум и бжыгъэр махуэ къэс хэхъуэу ар жьантIэм щыдэтшэжыну пIалъэр икIэщIыпIэкIэ къэсыну, дыщогугъ дызэгурыIуэрэ дызэдэIуэжу ди лъэпкъыщхьэр къэдгъэщIэрэщIэжыну.
ИтIани дохъуапсэ, дохъуэпсащэ, дыщIохъуэпс. Нэхъыбэ дыхъуну, нэхъыбэ къытхыхьэну, нэхъыбэм дызэхахыну, нэхъыбэм дагъэгушхуэну.
ИлъэсыщIэр гугъэм и лъэтеувэщ. Дызытехьэ ИлъэсыщIэри дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми махуэ яхуэхъуну, фIыгъуэ мыухыжыр къыхудэкIуэну Адыгэбзэ Хасэр дохъуахъуэ! Дохъуахъуэ ди бзэ дахэм ди унагъуэ дахэхэм я жьантIэр щиIыгъыу, ди жьэгу ди Iэнэгуу, гугъэрэ гуфIэгъуэкIэ, цIыхугъэрэ IэфIыгъэкIэ дыбейуэ дызытехьэ илъэсым Тхьэм къыщытпигъаплъэ дахэм дыIущIэну! Дохъуахъуэ адыгэпсэ зыIутым и адыгэгур ину къытеуэу, и лъэпкъ зэрыхуэхъуапсэ псори къехъулIэу, сытми ехъулIэрэ къызэщызыгуэ щымыIэу, и гуащIэр ирикъурэ и пкъыр къыщIэмылIэу узыншэу илъэсыр ирихьэкIыну!
Зи нэхъыжьыр махуэ, зи нэхъыщIэр нахуэ лъэпкъ АДЫГЭР дыхъужыну дохъуахъуэ!
Адыгэ хъуэхъу на день рождения женщине
Разговорились мы на тему тостов и пожеланий в одном месте инэта, хотелось бы услышать варианты на этом форуме.
Т е тосты, пожелания поздравления на кабардинском языке и их перевод.
Важно чтобы фраза была красивой по выражению и по смыслу
ИМХО, у нас «Хъуэхъу» есть нечто большее чем просто тосты за столом)
например Тхьэшхуэ хъуъэхъу
Уэ ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Уэ ди Тхьэ закъуэ!
Уафэри щiылъэри зезыгъакiуэ
Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкi.
Щымы1эр хэзыгъахъуэу
Телъыджэр зи iэужь.
Псори зыщыгугъуу
Зыми щымыгугъыж,
Къэхъури зэлъэiуу
Зыми емылъэiуж ди Тхьэ,
или Хъуэхъу перед началом какого либо действа (мероприятия)
1уэхуубдэ хъуэхъу
Ди Тхьэ, Тхьэшхуэ!
Ди Тхьэ закъуэ!
Iуэху къетхьэжьам
Фiыгъуэр къыдэгъакiуэ,
Псынщiэ теiуэ
Фiы теiуатэ,
Махуэу дыгъэублэ
Фiыкiэ дыгъэух!
Сынохьуэхьу укьыщальхуа махуэмкiэ! Алыхьым уэри кьыбдальхуахэми узыншагьэ быдэрэ гукьыдэжрэ куэду кьывит. Сигукiи си псэкiи кьыбгьэдэкiыу сыхуейт уи гум ипльхьа уи мурад псори кьохьулiэну, нэсыпыфiэу уи гьащiэр пхьыну!
Очень буду благодарна
Сынохьуэхьу укьыщальхуа махуэмкiэ! Алыхьым уэри кьыбдальхуахэми узыншагьэ быдэрэ гукьыдэжрэ куэду кьывит. Сигукiи си псэкiи кьыбгьэдэкiыу сыхуейт уи гум ипльхьа уи мурад псори кьохьулiэну, нэсыпыфiэу уи гьащiэр пхьыну!
Очень буду благодарна
. Поздравляю с днем рождения, пусть Аллах даст тебе и родившим тебя много крепкого здоровья. От всего моего сердца и души хотелось бы что бы все дела намеченные тобой осуществились, и счастливейше прожить жизнь.
P.S. Это максимально возможный дословный перевод.
Добавлено через 1 минуту
Шашуга, опередил) Но не «родившим тебя» (в таком случае было бы «укъэзылъхуа уи адэ-анэми») там, а «кьыбдальхуахэми», т.е., братья-сестры.
Адыгэ хъуэхъухэр (2)
ЦIыхубзхэм хуэгъэза хъуэхъу
Гъатхэ гъагъэм фыринэщэнэу,
Къызэрывэджэр Дыщэнэу,
Дыгъэ набзийкIэ зывгъэпскIыу,
Уэшх къабзэкIэ зывгъэнщIыу,
Фи щхьэщыгур уафэ нэхуу,
ФыщылажьэкIи зывгъэпсэхуу,
Фи бзэр IэфIрэ, фыIэ щабэ Iу щабэу,
ФызыдэкIри насып джабэу,
ФызэIэбым псэ хэфлъхьэу,
Фызэплъ псор вгъэхъужу,
ХъуэпсапIэхэр пцIы мыхъужу,
Гъэсэныгъэр къывэбэкIыу,
Насып дыгъэр къыфхукъуэкIыу,
Сэтэней гуащэ хуэдэу фыIущу,
Мэлэчыпхъу хуэдэу фыдахэу,
Лашын хуэдэу фыбланэу,
ХэвдыкIыр дыщэ Iуданэу,
Фи къэфэкIэр Iэдэбыу,
Фи гухэлъхэр псынэпс къабзэу,
Узыншагъэр фибатэрэ,
ЩIэгъэкъуэн фыкъытхуэхъуу
Фы лъэпкъ гъэбагъуэу
Сабий узыншэхэр къыфщIэхъуу,
Ди цIыхубз дыщэхэр
Тхьэм куэдрэ фигъэпсэу.
Адыгэ ныпым и хъуэхъу
Адыгэ ныпыр дыгъэм пэлыдрэ,
Кавказ къуршыжьхэр къыпэлыдыжу,
Уафэм дэтхьеймэ ди Шыхулъагъуэу,
ЩIылъэм къетхьэхмэ ди гъуазэу,
Жьы къабзэм бгъэ лъэщу дэхуарзэу,
ГуфIэгъуэ махуэхэм хуэтIэту,
Гузэвэгъуэ махуэхэм дызэхуишэу,
Шабзищыр мамырыгъэм и телъхьэу,
Вагъуэхэр мыужьыхыжу къаблэу,
ДыщэпскIэ дарэ мыукъуейуэ,
Емыбэкъуэхрэ дэбэкъуейуэ,
Гъагъэрэ нэр итхьэкъуу пщIыпщIу,
Уардагъэр и кIэрыщIэн зэпыту,
Жьыбгъэ бзаджэм и къарур икъутэрэ,
Езыр зыми яхуэмыубзытэу,
Iуащхьэмахуэ и щыгум щыхуарзэу,
Лъэпкъ зэбгырыдзар зы дищIыжарэ,
И жьауэм афIэкIа дыщIэмыкIыжу,
МафIэ зыгъэхуабэр мыункIыфIыжу
Адыгэ ныпыр Тхьэм тхуэмахуэн ищI.
Пщащэм хуэгъэза хъуэхъу
Уафэм лыду ис вагъуэхэм уефIэкIыу,
Уи гурылъхэр пхузэфIэкIыу,
Iуэху гугъухэри пхузэфIэгъэкIыу,
Насып махуэхэр пхузэблэкIыу,
Удз тхьэIухудым хуэдэу угъагъэу,
Дыгъэ бзийхэр къодэхащIэрэ,
Гъатхэ губгъуэу ущIэращIэу,
Псы ежэхым хуэдэу уIущащэу,
Пшынэм хуэдэу уубзэрабзэу,
Узэфэ псыр къэбзабзэу,
Уи гъуэгур зэщIэгъагъэрэ,
Узыншагъэ быдэр уи благъэу,
Ныбжьэгъухэр къыпхуэпэжрэ,
Пэжыныгъэр псом япэ ибгъэщу,
Уи Iэпэм дыщэр къыпыщэщу,
Уи пщэдейм насыпыр къыщIэщэщу,
Уи благъэхэр къыпщхьэщытрэ,
Мазэ дахэр жэщкIэ уи гъуазэу,
Гушхуэныгъэм гупэр къыпхуигъазэу,
Уафэ нурым фIыгъуэр щыуфэразэу,
Нобэ хуэдэу сыт щыгъуи удахэу,
Нэщхъеигъуэр къыппекIуэкIрэ,
Дыгъэр жэщым къыпхукъуэкIыу,
Умыдзыхэрэ, ажэгъуэмэу ущIэращ1эу,
Махуэ лъапIэхэр пхуэбатэрэ,
Уи хъуэпсапIэхэр къэкIуатэу,
Уи нэхэм гуф1эгъуэ нэпсыр къыщIэжу,
Тхьэм илъэс куэдкIэ уигъэпсэу.